Перевод: со всех языков на русский

с русского на все языки

мэз тхьэрыкъуэ

  • 1 мэз

    лес
    / Жыгхэр Iуву зытет щIыпIэ.
    Жыгей мэз. Мэзым щыщэкIуэн. Мэз пхъэншэ хъурэ? (погов.)
    Мэз еуэн рубить лес.
    Мэз кIуэн идти (ехать) за дровами.
    / Мэз джэдхэм ящыщу хъу.
    Мэз адакъэ къыхэлъэтын.
    мэз бжэн косуля
    / Мэзым щыпсэу бжэн Iэл лъэпкъыгъуэщ.
    ЩакIуэм мэз бжэн къиукIащ.
    мэз дэгу глухой лес
    / Пхыдзауэ щыт, цIыхур куэдрэ здынэмыс, здэмыкIуэ мэз.
    Шу закъуэр мэз дэгум къыщыхутащ.
    / Мэзхэм, къуацэ-чыцэхэм щыпсэу джэд лъэпкъ.
    * Мэз джэд цIыкIухэр хигъэлъэту, къуакIэбгыкIэр нызэпеч. Щ. А. Мэз джэд пхуэгъэсэн? (погов.)
    мэз джэду дикая кошка
    / Мэзым щыпсэу джэду Iэл.
    * Зэуэну зызыгъэхьэзыра мэз джэдум и цы пхъашэхэр цыпхыдзэу къызэщIэтэджат. Iуащхь. Мэз джэдур и пащIэкIэ яцIыху. (погов.)
    мэз дзыгъуэ лесная мышь
    / Мэзым щыпсэу дзыгъуэ лъэпкъ.
    мэз жьынду ушастый филин
    / НэгъуэщI псэущхьэхэм ялкIэ псэу, тхьэкIумэшхуэ зытет жьынду лъэпкъ.
    / Къанжэм ещхьу кIакIэ мэз бзу къуэлэн цIыкIу.
    Мэз къанжэр мэкIакIэ.
    / Мэзым щыпсэу тхьэрыкъуэ лъэпкъ.
    * Мэз тхьэрыкъуэм и макъ гурыхьыр си хъуреягъкIэ къыщыIурт. Къэб.
    мэз щIэхъу лесной массив
    / Мэзышхуэ.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > мэз

  • 2 тхьэрыкъуэ

    голубь
    / Зи лыр цIыхум яшх, инагъкIэ къуаргъым и нехьэкъехуэ къуалэбзу.
    Тхьэрыкъуэ джэдыкIэ.
    тхьэрыкъуэ пщэху 1. вяхирь; витютень
    / Мэз тхьэрыкъуэшхуэ, и дамэхэм хужь кусэ хэту, и кIэм и гъунэхэри хужь, и пщэми тхьэгъу ныкъуэм хуэдэу хужьу къекIуэкIыу.
    2. переносное красавица, красна девица (букв. голубка-белошейка)
    / ЦIыхубз дахэ, Iэхулъэху.
    * Ар тхьэрыкъуэ пщэхут, Нэкум хуэдэу къабзащэт, Iэбжьэ щызыбгт, напэхут, И цIэр Мыгъэзэш гуащэт. Нарт.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > тхьэрыкъуэ

  • 3 зэхъузэбз

    пара, самка и самец ( о животных и птицах)
    / Хъурэ бзырэ зэгъусэу.
    Тхьэрыкъуэ зэхъузэбз гъэхъун. Зоопаркым бажэхэр, мэз джэдухэр, дыгъужьхэр зэхъузэбзхэу гъущI хъархэм исхэт.

    Словарь Кабардино-Черкесского языка > зэхъузэбз

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»